- 2 октября 2025
- 25
Нобэ къыдэкlа газетым фыщеджэ
ГъэсакIуэм я махуэщIым ирихьэлIэу, Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт «Дубок» сабий IыгъыпIэм гуфIэгъуэ дауэдапщэ щекIуэкIащ.
Абы къеблэгъащ егъэджэныгъэ — гъэсэныгъэ гуащIэдэкIым и ветеранхэр, унафэщIхэр, Хьэбэз муниципальнэ районым и сабий IыгъыпIэхэм щылажьэхэр.
Куэш-Хьэблэ сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэхэм я лэжьэгъухэм папщIэ гуапагъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа концерт программэ ягъэхьэзыращ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ.