На главную страницу
» » Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ дывохъуэхъу.
  • 28 июня 2023
  • 472

Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ дывохъуэхъу.

Ди ныбжъэгъу лъапIэхэ! Ди лэпкъэгъухэ!
Нобэ дунейм муслъымэну тетым ягъэлъапIэ   Къурмэн   махуэшхуэр. Мы махуэ гъуэзэджэм  и лъабжьэщ цӀыхум фIыгъуэу илъытэ лъапӀэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэр: гущIэгъур, дэхуэхам дэIэпыкъуныр, псапэр, зэгурыIуэныгъэр. Лъэпкъ куэду зэхэт, дин зэхуэмыдэхэр здызэрахьэ ди щIыпIэхэм деж ахэр фІыгъуэм, зэкъуэтыныгъэм, пщІэ зэхуэщІыным  я лъабжьэщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу Къурмэн махуэшхуэмкIэ си гуапэу сывохъуэхъу.
Муслъымэнхэм,   адыгэхэм (шэрджэсхэм), цӀыхухэм псоми мамырыгъэрэ узыншагъэрэ, насыпрэ   фIыгъуэрэ фиӀэну ди гуапэщ!
Къурмэн  махуэшхуэмкӀэ!
 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий
 

Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ дывохъуэхъу.

 


скачать dle 10.1русский торрент трекер