На главную страницу
» » «Си анэбзэ - си адыгэбзэ» Тхыгъэ Зэпеуэм и 7-нэ зэхыхьэ
  • 10 декабря 2019
  • 1125

«Си анэбзэ - си адыгэбзэ» Тхыгъэ Зэпеуэм и 7-нэ зэхыхьэ

«Си анэбзэ - си адыгэбзэ» Тхыгъэ Зэпеуэм и 7-нэ зэхыхьэ

Адыгэбзэ Хасэм и напэкІуэцІым кІэлъыплъхэр зэрыщыгъуазэщи, «Си анэбзэ - си адыгэбзэ» зи фIэщыгъэ Тхыгъэ Зэпеуэм и 7-нэ зэхыхьэр щызэхэтащ адыгэ хэгъэгуитІым - Къэбэрдей ТІуащІэми, Къэбэрдей Хьэжрэтми. Къыхэгъэщын хуейщ мыгъэм а Іуэхугъуэм щІэупщІэ иІэу, адэ-анэхэми, егъэджакІуэхэми я нэІэ къытету зэрекІуэкІар. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, зэпеуэм еджакІуэ 300-м нэблагъэ хэтащ. Ар узыщыгуфІыкІын Іуэхущ. Адыгэбзэ Хасэм къэпщытэн пщалъэу къыпэщылъым и мардэу зэригъэзахуэхэр хэгъэкІауэ, адыгэ ныбжьыщІэу адыгэбзэкІэ тхэкІэ-еджэкІэ зыщІэхэми, анэдэлъхубзэкІэ гупсысэр зэзыгъэкІуфхэми я мардэр нэхъыбэ хъуху нэхъ къещтэ, зытелажьэри аращ - мыгъэрей зэпеуэр абы и ІуэхукІэ щапхъэфІ ирокъу.

9 класс - 1 увып1эр.
Хьэжрэт Беслъэныкъуэм и къуажэ дэт Дер Станислав и цІэр зезыхьэ курыт еджапІэм и 9-нэ классым щеджэ Есчындар Сэтэней. ЕгъэджакІуэр Гуэгуш Маринэщ.

10 класс - 2 увып1э
Хьэжрэт Хьэгъундыкъуей къуажэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм и 10-нэ классым хэс Жу Дамир. ЕгъэджакIуэр Къардэн Муминатщ.

11 класс - 2 увып1эр зэдагуэшащ:
Хьэжрэт ХьэтІохъущыкъуей къуажэ дэт курыт еджапІэм и 11-нэ классым хэс Туаршы Рэмэзан. ЕгъэджакIуэр Къэзанокъуэ Валентинэщ.

Хьэжрэт Къэсейхьэблэ дэт Хъупсырокъуэ Екатеринэ и цIэр зезыхьэ лицей-интернатым и 11-нэ классым хэс Шыбзыхъуэ Аидэ. ЕгъэджакIуэр Уэрзэлы Мадинэщ.

10-нэ классым щІэс еджакІуэхэми къахэкІащ зи тхыгъэ унэтІыныгъэ зэмылІэужьыгъуэкІэ къыхэжаныкІахэр:
Хьэжрэт Къылышкъуажэ дэт Урысейм и лІыхъужь Къардэн Уэхьид и цІэр зезыхьэ курыт еджапІэм и 10-нэ классым щеджэ Сатушы Самирэ. ЕгъэджакІуэр КІэдыкІуей Ларисэщ.

Дыгъэгъазэм и 17-м Налшык щагъэлъэп1энухэщ.

скачать dle 10.1русский торрент трекер