- 11 марта 2021
- 782
Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэм
Адыгэбзэмрэ адыгэ
тхыбзэмрэ я Махуэм
Дунейпсо Адыгэ Диктант
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ,
2021 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 12-м сыхьэтыр 15.00-м «Адыгэ диктант» Дунейпсо
егъэджэныгъэ Iуэхугъуэр екIуэкIынущ.
«Адыгэ диктант» акцэр егъэкIуэкIыным и къалэн
нэхъыщхьэр — адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ
щIэныгъэр егъэфIэкIуэнращ.
«Адыгэ диктантыр» къэбэрдей-черкесыбзэ,
адыгеибзэ литературэбзэхэмкIэ ятхынущ. Абы хэт хъунущ адыгэу зыкъэзылъытэж,
дэнэ щIыпIи щыпсэу, сыт хуэдэ ныбжьми ит, адыгэбзэр мащIэу фIэкI зымыщIэри.
Фыкъыхудоджэ адыгэбзэм и къэкIуэнум тегузэвыхь
дэтхэнэри мы Iуэхугъуэм фыхэлIыфIыхьыну.
Диктантыр онлайн IэмалкIи, очнэуи екIуэкIынущ.
БгъэдыхьэкIитIымкIи Iуэхугъуэр щрагъэжьэнур сыхьэтыр 15.00-ращ.
Оффлайн-утыкухэр къыщызэрагъэпэщынущ Къэрэшей-Черкес
Республикэм хыхьэ къалэхэмрэ районхэмрэ щыIэ еджапIэхэм, ищхьэ щIэныгъэ
къыздыщIах IуэхущIапIэхэм, библиотекэхэм.
КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент»
жылагъуэ зэхыхьэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, Черкесск къалэм диктантыр щатхынущ
Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал Лъэпкъ библиотекэм.
Сыхьэтыр 15-00-м щIидзэнущ.
Диктантым онлайну хэтынухэм тхылъымпIэ напэрэ
ручкэрэ зыдаIыгъыпхъэщ.
Iуэхугъуэм хэтыну хуейм YouTube каналым,
"Дунейпсо Адыгэ Хасэ МЧА" https://www.youtube.com/channel/UCqUde3YjPd_8zAXvSYkL-TQ
ссылкэмкIэ зыпищIапхъэщ.
Дунейпсо диктантым егъэзыгъэкIэ зыри
хагъыхьэкъым. ЦIыхум езым и арэзыныгъэ хэлъу, уеблэмэ и цIэри къримыIуэу
диктантыр итхыфынущ.
Диктантыр тхын щIамыдзэ щIыкIэ ар зэратхыну
щIыкIэм акцэм хэтхэр щагъэгъуэзэнущ.
Ятха лэжьыгъэхэр (сурэт техауэ, е скан щIауэ)
щIаплъыкIыжын папщIэ [email protected] электроннэ адресым ирагъэхьын хуейщ.
Егъэджэныгъэ акцэм и КъызэгъэпэщыкIэм
зыщывгъэгъуэзэфынущ МЧА-м и сайтым деж: www.intercircass.org
Акцэр екIуэкIынущ граждан жылагъуэм зегъэужьыным
хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и президент грантхэмкIэ щыIэ Фондым къыбгъэдэкIа
грантыр къагъэсэбэпкIэрэ.
Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщынущ Роспотребнадзорым и
санитар –гигиеническэ мардэхэм тету.
УпщIэ зиIэр мы телефонымкIэ фыпсалъэ хъунущ: 8
928 388 81 27