Главная > Новости > Шэрджэс Марят: «Маржэ хъун! Зыфхъумэж!»

Шэрджэс Марят: «Маржэ хъун! Зыфхъумэж!»


5-06-2020. Разместил: Adm
         Шэрджэс Марят: «Маржэ хъун! Зыфхъумэж!»

Дуней псом цIыхуу тетыр мазэ зыбжанэ хъуауэ зыгъэпIейтей
коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиубгъур хэткIи наIуэщ. Пщэдджыжьым
цIыхур къотэджри, япэ дыдэ зэхигъэкIын щIидзэр шынагъуэ зыпылъ уз
зэрыцIалэр къызэтрагъэувыIа е хьэмэрэ, нэхъри нэхъыбэ цIыхум
япкъырыхьа…
Жагъуэ зэрыхъущи, нобэкIэ коронавирус уз зэрыцIалэм дуней псом,
къапщтэмэ, Урысейм дежи, щIэгъэхуэбжьауэ зыщеубгъу. Абы щхьэусыгъуэ
куэд иIэщ. Нэхъыщхьэу, цIыху гъащIэр хъума зэрыхъуным теухуауэ
дохутырхэми, медицинэ IэщIагъэлIхэми, цIыху цIэрыIуэхэми къыхагъэщыр
«самоизоляция» щытыкIэращ. Абы папщIэ увыIэгъуэ имыIэу жылагъуэр
къыхураджэ зэрызахъумэжыпхъэм.
Иджыблагъэ Iуэху дахэ къызэрагъэпэщащ «Шэрджэс КФХ» ООО-м и
генеральнэ унафэщI, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зезыхьэ, адыгэм
ипхъу щыпкъэ Шэрджэс Марьят и жэрдэмым щIэту — республикэм и
жылагъуэхэм щыпсэухэм нэкIуIулъхьэ мини 5-м щIигъу Iэрагъыхьащ.
Къапщтэмэ, псалъэ дыгъэлу щымыту, щапхъэкIэ, лэжьыгъэкIэ цIыхубэм и
гъащIэр хъумэным хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Иджыри а Iуэхум пащэ…
IуэхуфIхэм къыдэкIуэу, Шэрджэс Марьят республикэм щыпсэухэр
шынагъуэншагъэм къыхуреджэ:
— Гузэвэгъуэ дыхэзыгъэтыр цIыху куэдым нэгъэсауэ мы уз зэрыцIалэм
шынагъуэ ин зэрыпылъыр къазэрыгурымыIуэращ. Хьэкъыр зыщ — я щхьэ
къынэмысу, дауи, а уз зэрыцIалэр зэрыщыIэр я нэхъыбэм къагурыIуэну
къыщIэкIынкъым.
«Самоизоляция» щытыкIэм къыдэкIуэу, цIыху къэскIэ
шынагъуэншагъэ Iэмалхэри къигъэсэбэпыпхъэщ. Апхуэдэщ,
нэкIуIулъхьэхэр, Iэлъэ зехьэныр, Iуэхуншэу унэм къыщIэмыкIыныр…
Уз зэрыцIалэм нобэ къэралхэм, лIыщхьэхэм къару, мылъкушхуэ
зэрыхалъхьэм шэч къытехьэгъуейщ. ИтIани, дэтхэнэ дэIэпыкъуныгъэри
сэбэпщ, жылагъуэр зыхуэныкъуэщ.
ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Си псэм хуэсхь си лъэпкъэгъухэ! НобэкIэ
наIуэ мэхъу мы уз зэрыцIалэр дэтхэнэ зыми къылъыIэсынкIэ зэрыхъунур —
ныбжь зиIэми, ныбжьыщIэми. Эпидемием цIыхухэр щыхъумэным теухуа
Iуэху белджылыхэр къэралхэм хуэфIу къызэрагъэпэщ. Апхуэдэу щыт пэтми,
дэ тщыщ дэтхэнэми зыхищIэн хуейщ езым и гъащIэм и мызакъуэу, и
Iыхьлыхэми, зыхэтхэми я гъащIэхэмкIи, узыншагъэмкIи жэуап зэрихьыр.
ЦIыхур нэхъ мащIэу зэхыхьэху, уз зэрыцIалIэр зыпкъырытхэри нэхъ
мащIэ хъунущ. Зэрыфлъагъущи, коронавирусым иубыдыр цIыху Iувхэм
яхыхьэхэращ. Дуней псор зэщIэзыцIэла узыр къыдэмыуэлIэн папщIэ
медицинэ IэщIагъэлIхэм жаIэр дывгъащIэ, абыхэм къытхуагъэув къалэнхэр
зэрыдгъэзэщIэным иужь дивгъэт.
Тхьэм солъэIу сымаджэхэр игъэхъужыну, дуней псом эпидемиер
щигъэужьыхыжыну. Псори къыхузоджэ зэпIэзэрыту, зыр адрейм
хуэгумащIэу зэхущытыну, зэхуэсакъыну, зэдэIэпыкъуну. Дызэгъусэмэ,
зызэщIэдгъакъуэмэ — гугъуехьхэм дыпэлъэщынущ, мы щытыкIэ гугъуми
мыгувэу дыкъикIыжынущ. Аращи, маржэ хъун, зыфхъумэж!

 


скачать dle 10.1русский торрент трекер
Вернуться назад