На главную страницу
» » Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэм
  • 11 марта 2021
  • 673

Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэм

Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэм

Дунейпсо Адыгэ Диктант

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, 2021 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 12-м сыхьэтыр 15.00-м «Адыгэ диктант» Дунейпсо егъэджэныгъэ Iуэхугъуэр екIуэкIынущ.

«Адыгэ диктант» акцэр егъэкIуэкIыным и къалэн нэхъыщхьэр — адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэнращ.

«Адыгэ диктантыр» къэбэрдей-черкесыбзэ, адыгеибзэ литературэбзэхэмкIэ ятхынущ. Абы хэт хъунущ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, сыт хуэдэ ныбжьми ит, адыгэбзэр мащIэу фIэкI зымыщIэри.
Фыкъыхудоджэ адыгэбзэм и къэкIуэнум тегузэвыхь дэтхэнэри мы Iуэхугъуэм фыхэлIыфIыхьыну.

Диктантыр онлайн IэмалкIи, очнэуи екIуэкIынущ. БгъэдыхьэкIитIымкIи Iуэхугъуэр щрагъэжьэнур сыхьэтыр 15.00-ращ.

Оффлайн-утыкухэр къыщызэрагъэпэщынущ Къэрэшей-Черкес Республикэм хыхьэ къалэхэмрэ районхэмрэ щыIэ еджапIэхэм, ищхьэ щIэныгъэ къыздыщIах IуэхущIапIэхэм, библиотекэхэм.
КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент» жылагъуэ зэхыхьэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, Черкесск къалэм диктантыр щатхынущ Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал Лъэпкъ библиотекэм. Сыхьэтыр 15-00-м щIидзэнущ.
Диктантым онлайну хэтынухэм тхылъымпIэ напэрэ ручкэрэ зыдаIыгъыпхъэщ.

Iуэхугъуэм хэтыну хуейм YouTube каналым, "Дунейпсо Адыгэ Хасэ МЧА" https://www.youtube.com/channel/UCqUde3YjPd_8zAXvSYkL-TQ ссылкэмкIэ зыпищIапхъэщ.

Дунейпсо диктантым егъэзыгъэкIэ зыри хагъыхьэкъым. ЦIыхум езым и арэзыныгъэ хэлъу, уеблэмэ и цIэри къримыIуэу диктантыр итхыфынущ.

Диктантыр тхын щIамыдзэ щIыкIэ ар зэратхыну щIыкIэм акцэм хэтхэр щагъэгъуэзэнущ.

Ятха лэжьыгъэхэр (сурэт техауэ, е скан щIауэ) щIаплъыкIыжын папщIэ [email protected] электроннэ адресым ирагъэхьын хуейщ.

Егъэджэныгъэ акцэм и КъызэгъэпэщыкIэм зыщывгъэгъуэзэфынущ МЧА-м и сайтым деж: www.intercircass.org
Акцэр екIуэкIынущ граждан жылагъуэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и президент грантхэмкIэ щыIэ Фондым къыбгъэдэкIа грантыр къагъэсэбэпкIэрэ.

Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщынущ Роспотребнадзорым и санитар –гигиеническэ мардэхэм тету.

УпщIэ зиIэр мы телефонымкIэ фыпсалъэ хъунущ: 8 928 388 81 27

скачать dle 10.1русский торрент трекер